ГрютвикенqOo Kk
Къалэ нэхъышъхьэр
Грютвикен
ин-бз. Grytviken
|
Грютвикен (ин-бз. Grytviken) — Британиэшхуэм и хыщI щIыпIэ Ипшэ Джорджэрэ, Ипшэ Сандуичхэрэ хы тӀыгухэр я къалэ нэхъышъхьэ. Дунейм и нэхъ ипшэ дыдэ къалащхьэ.
Хэтхахэр
- 1 Хэкумэтх
- 2 Тхыдэ
- 3 Джылэр
- 4 Сурэтылъэ
- 5 ТехьэпIэхэр
Хэкумэтх[гъэтэрэзын | edit source]
Къалэр хы тIыгу Ипшэ Джорджэм тетщ, тIыгуныкъуэ Тэтчер и дыгъэкъуэкIыпIэмкIэ гъэзауэ, дэлъэдапIэ Кинг Артур и Iуфэм деж. Антарктидэ нэс 250 км нэблэгъэн фIэкI дэлъкъым.
Грютвикен Антарктикэм тюристхэр нэхъ здекIуалIэ щIыпIэхэм ящыщщ. ЩIыпIэм и бгхэм, Iуащхьэхэм, мылхэм, къуэхэм икIи нэмыщIхэм цIыху куэд дихьэххэу еплъыну къызэхуешэ.
Къалэм пэмыжыжэу пшы вымпIухэм я колониэ иIэщ.
Тхыдэ[гъэтэрэзын | edit source]
ТIысыпIэр щаухуар 1904 гъэращ. Апщыгъуэм норвегхэм къалэр иджыпсту здэщыт къалэм деж джейхэр щаукIыну базэ яувауэ щтащ.
1909 гъэм къалэр Британиэшхуэм Ипшэ Джорджэрэ, Ипшэ Сандуичхэрэ хы тӀыгухэм я къалащьэ ищIащ.
Джей-укIым и пщIэр ехуэхыжа иуж, къалэм абы и экономикэр епхати, тIэкIу тIэкIуурэ абыи и пщIэр ехуэхыжащ.
1982 гъэм Фолклэнд зауэ зэманым щыгъуэ Архентинэм и зауэлIхэм къалэр яубыдауэ щтащ. Тхьэмахуищ дэкIа иуж Британиэшхуэм и зауэлIхэм къалэр къытрахыжащ. Абы къыхэкIыу 2001 гъэ хъухъу хы тIыгур Британиэшхуэм и хыдзэлIхэм яхъумэу щыIахэщ.
Джылэр[гъэтэрэзын | edit source]
Къалэм джей-укIым и пщIэр ехуэхыжа иуж, цIыху дэсыр зэуэ нэхъ мащIэ хъуащ.
Иджыпсту абы дэсыр цIыху 20 нэблагъэуращ. Гъэмахуэм туристхэм щIыпIэм къыщыкIуэм деж цIыху дэсыр 200 нэхъ мащIэ дыдэу щIегъу.
Сурэтылъэ[гъэтэрэзын | edit source]
Грютвикен япэу къэзыгъэунэхуа Карл Антон Ларсен
Грютвикен нэхъ зыщиужауэ щта зэманым
Грютвикен 1914 гъэм
Грютвикен
Грютвикен и фэеплъыр
Грютвикен и музеир
Iуащхьэм укъеплъыхым
ЩIыпIэр щIымахуэм
ТехьэпIэхэр[гъэтэрэзын | edit source]
- Ипшэ Джорджэ и официалнэ уеб-сайтыр
- Кинг Эдуард Пойнт и сайт
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ хэкумэтхымкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |
Ипшэ Америкэм и къалэ нэхъыщхьэхэр |
|
---|---|
Къэралхэм | Асунсион • Боготэ • Бразила • Буенэс-Айрес • Джорджтаун • Кэракэс • Китэ • Лимэ • Монтовидеуэ • Парамарибэ • Сантиагуэ • Сукре (Ла-Пас) |
ЩIыпIэ щхьэхуимытхэм | Грютвикен • Кайеннэ • Стенли |